Украинэ
Украинэ укр-бз. Україна | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Ще не вмерла Україна» | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 1991 (зхэкӀар ССРЗ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | Украинэбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Киеу | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Киеу, Одесэ, Харкоу, Лвов, Днепропетровск | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент президенту республикэ | ||||
Президент Премиер-министр |
Владимир Зеленский Денис Шмыгаль | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
45-нэ дунем 603 628[1] км² 7 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
45 962 900[2] цӀыху (28-нэ) 76,14 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2010) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$179,604 млрд[3] (32-нэ) $3 995[3] (97-нэ) | ||||
ВКӀуП (ЩПЛъ) • КъыкӀыр |
$337,268 млрд[3] (33-нэ) $7 331[3] | ||||
ЦӀПЗИ | 0,710 (ин) (69-нэ) | ||||
Этнохоронимыр | Украинэхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | гривнэ (UAH) | ||||
Интернет-доменхэр | .ua | ||||
Телефон кодыр | +380 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +2 | ||||
Украинэ Уикисурэтылъэм |
Украинэ (е Хуэхуэлей; укр-бз. Україна) — къэрал Еуропэм икум хэт. Къалэ нэхъышъхьэр — Киеу.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Украинэр КъуэкӀыпӀэ Еуропэм хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Лахь жылэм, Слоуакэм, Мэжарейм, ипшъэ-къуэхьэпӀэм — Молдовэм, Румыниэм, къэрал къэмылъыта Днестырпыт Молдовэ Республикэ, ишъхъэрэмкӀэ — Урысыхум, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Урысейм.
ШӀыпӀэр нэхъыбэм губгъуэу щыт. Къушъхьэхэр къэралым ипшъэ-къухьэпӀэмкӀэ хэт (Украинэ Карпатхэр), Къымымрэ. ИпшъэмкӀэ Хы ФӀыцӀэмрэ Хы МыутӀэмрэ Ӏохьэ я Ӏуфэхэм. Псы нэхъ инхэр: Днепыр, Ишъхъэрэ Буг, Днестыр, Ишъхъэрэ Донец, Десна.
Украинэм и инагъыр зэрыхъур 603 628 км2. Еуропэм и къэрал нэхъ ину щыт (псоуэ хэтхэм я щыщхэм).
Хьэуар къэралым и нэхъыбэм курыт-континенталу щыт, Кърымым и хы Ӏуфэм щымыхъукӀэ, абым хыкурыт климэту щыт.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]XI—X лъэхъэнэхэм Украинэм и шӀыпӀэм къэрал Киеу Урысей хэта. 988 гъэм пщы Владимир Святославовичым захуэ чыристэныгъэ къештэ, а диныр къэрал псом еуэ мэхъур Урысейм.
1237—1241 гъэхэм Киеу Урысейм хъан Батыйр йохьэри, къэралыр пщыхэку бжыгъэкӀэ зэхокӀыр. Хом-хомурэ ахэр Литоу Пщыхэкушхуэм хохьэхэ. 1569 гъэм Лахь Жылэмрэ Литоумрэ зэхохьэхэри зы къэрал мэхъухэ — Посполитым и Реч.
XV лъэхъэнэм Днепырыпэм и ипшъэ лъэныкъуэм Запорож къазакъыгъуэ къыхокӀыр, XVIII лъэхъэнэм нэс щыӀар, хамгъэкӀа кӀышъэ.
XVIII лъэхъэнэм Лахь Жылэм и шӀыпӀэр гуэчын щашъым иджырей Украинэм и шӀыпӀэнэхъыбэр Урысей империэм хокӀуэр.
1917 гъэм револуциэ екӀуэкӀам яуж Украинэv зэман кӀэкӀкӀэ къэрал хуитхэр щыӀахэ — джылэ республикэ Украинэ джылэ республикэ КъухьэпӀэ-Украинэрэ джоуэ.
1919 гъэм гъатхэпэм и 10-м зы къэрал Совет Социал Республикэ Украинэ мэхъур. 1923 гъэм Урысейр, Урысыхур, КъуакъазкӀыбагъу къэралхэр джоуэ зэхэтху Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр къэралу зэхохьэхэ.
1991 гъэм щыкӀэдзауэ Украинэ къэрал хуит мэхъур.
Жылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]2010 гъэм щӀышылэм и 1-м Украинэм джылу дэсар зэрыхъутэр 45 822 214 цӀыху.
Украинэм лъэпкъ дэсхэр (2001) | ||
---|---|---|
Лъэпкъхэр | Бжыгъэр, мин цӀыху |
% |
Украинэхэр | 37541,7 | 77,82 |
Урысхэр | 8334,1 | 17,28 |
Урысыхухэр | 275,8 | 0,57 |
Кърымхэр | 248,2 | 0,51 |
Молдавхэр | 258,6 | 0,54 |
Болгархэр | 204,6 | 0,42 |
Мэжархэр | 156,6 | 0,32 |
Румынхэр | 151,0 | 0,31 |
Лахьхэр | 144,1 | 0,30 |
Журтхэр | 103,6 | 0,21 |
Ермэлыхэр | 99,894 | 0,21 |
Алыджхэр | 91,548 | 0,19 |
Къэзанхэр | 73,304 | 0,15 |
Пэмыкхэр | 0,4 | |
Псори | 48240,9 | 100 |
Экономикэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Украинэм и экономикэр 39-й пэр иыгъ ВКП-кэ (2009).
Украинэр индустриал-аграр къэралу щыт. Лэжьыгъэ япэреуэ щытхэр — гъушӀ-лэжьыгъэ, химиэ-лэжьыгъэ, шӀыкӀэлъ-лэжьыгъэхэр, энергиэ-лэжьыгъэхэр.
Администрациэ гуэшыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Украинэр унитар къэралу щыт, област 24 хэт, Аутоном Республикэ Кърым. Къалэ Киеумрэ Севастополымрэ хэгъэза статус яӀэ.
Дзэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Украинэм и дзэр щызэхэхьар 1991 гъэм шышъхьэӀум и 24-м. Хэтыр (2010 гъэмкӀэ) 200 000 цӀыху.
Дзэр щыуэ зэшъхьэщокӀхэ — зекӀуэдзэ, уэгузауэдзэ, хыдзэ джоуэ.
Ӏэшэр нэхъыбэкӀэ Урысеймрэ РССЗ-м къыдагъэкӀам ящыщ.
Гулъытыгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Украинэ Уикисурэтылъэм? |
- Украинэм и президентым и официал сайтыр
- Нэхъыщхьэ Радам и официал сайтыр
- Украинэм и Хасэм и официал сайтыр
- Украинэм конституциэкӀэ контрол зэрагъэкӀуэкӀым и хъыбархэр
- Украинэм и партиэхэм я тхылъ
- Украинэм и архивхэр
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Украинэ • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Азгъей • Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |