Jump to content

Кувейт

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
(Джылэр: clean up, replaced: Чыристэндин → Чыристэныгъэ using AWB)‎ версие 23:52, 16 Жэпуэгъуэ 2023; Ea-Nasir (тепсэлъыхьын | хэлъхьэныгъэхэр)
(зэмылӀ.) ← Япэ ит версиер | КъекӀуэкӀ версиер (зэмылӀ.) | КъыкӀэлъыкӀуэр → (зэмылӀ.)
Кувейт Къэрал
хьэр-бз. دولة الكويت
Дэмыгъэ Кувейтым
Кувейтым и нып Кувейтым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 29°10′00″ с. ш. 47°36′00″ в. д. / 29.166667° с. ш. 47.6° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «النشيد الوطني» 
Щыхалъхьар XVIII лъэхъэнэ
Хуитыныгъэм и махуэ 19 мэкъуауэгъуэ 1961[1] (зхэкӀар Британиэшхуэм)
Нэхъышъхьэбзэхэр хьэрыпыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Эл Кувейт
Къалэ нэхъ инхэр Эл Кувейт
ӀэнатӀэ хабзэр Конституциэ пэштыхьей[1]
Ӏэмир
Премиер-министрым и пӀэ ит
Сабах ас-Сабах
Насер ас-Сабах
Диныр Мыслъымэн дин, суннит егъэджэным щыщ
ШӀыпӀэр
• Псори
152-нэ дунем
17 818[1] км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2004)
Ӏувагъыр

2 257 тыс.[1] цӀыху (136-нэ)
115 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2005)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$88,7 млрд.  (38-нэ)
$29 566
Этнохоронимыр Кувейтхэр
Сомыр (Валутэр) Кувейт динар
Интернет-доменхэр .kw
Телефон кодыр +965
Зэманыгъуэхэр +3
Кувейт Къэрал Уикисурэтылъэм
  1. 1.0 1.1 1.2 1.3 Онлайн энциклопедиэ "Кругосвет"

Кувейт (хьэр-бз. كويت‎‎), и цӀэдыдэр псоуэ Кувейт Къэрал (хьэр-бз. دولةالكويت) — КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Эл Кувейт.

Кувейт и шӀыпӀэтхыпхъэ

Кувейтым Къажэр хыжэм и ӀуфапӀэм Ӏохьэ (220 км и кӀыхьагъкӀэ ирикӀу), абым хы тӀыгуипщ хуэдиз хэту иӀэ. ШӀымкӀэ и гъунапкъэр къэралитӀым Ӏохьэ - Иракум ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ, Сауд Хьэрыпейм ипшъэмкӀэ. Къэралым и нэхъ лъэгапӀэр - 281 метрэ хым елытыгъуэкӀэ, къэралым и ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэлъ.

ШӀыпӀэр заху щыт хы Ӏуфэм и гъунэгъупӀэхэм дежькӀэ, къэралыкумкӀэ къуэкӀэ-бгыкӀыу макӀуэ. Ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ губгъуэ нэкӀыу щыт, нывэ фӀэкӀа имылъу, ипшъэмкӀэ - пшэхъуалъу.

Климэтыр - тропик, гъушъэ. Курыт темперэтурэр бадзэуэгъуэм - 37° С, щӀышылэм +13° С. Гъэпсом ежэх псырэ псынэпс къыкӀэжрэ къэралым иӀэкъым, псыр лэжьыгъэкӀэ къыхахыр.

ШӀыр нэхъыбэм пшыхъу щыт, елэжьыным хуэмыгъэлъытауэ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Кувейтым и Тхыдэ

Кувейтым и шӀыпӀэм пэсырей лъэхъэнэхэм щыкӀэдзауэ цӀыху ист. Ар археологиэмкӀэ къыкӀаха Ӏэмэ-псымэхэм къаӀуатэ Фейлака хы тӀыгум Кувейт хыжэм и дэхьэпӀэм хэтым къыщаагъуэтахэм.

Лъэхъэнэ курытхэм Кувейтыр Хьэрыпхэм я хэлифатым хэта, Ӏумайад лъэпкъым я ӀэнатӀэм кӀэту (661-750 гъэхэм), яужым - Ӏэббасид лъэпкъым (750-1258 гъэхэм).

XIII-XV лъэхъэнэхэм Кувейтым тетахэр езым щыщ хьэрып лъэпкъхэм я пщыхэр. XVI лъэхъэнэм хэкум Португалым и ӀэнатӀэр къыхохьэ, абым теухуаэ хьэрып пщыхэр Уэсмэн империэм къэру дэӀэпыкъуэгъкӀэ кӀолъаӀуэ.

XVII лъэхъэнэм Кувейтым и шӀыпӀэр стрэтегиэмкӀэ мыхьэнэ зэриӀэм шъхьэкӀэ зэпэубыдыгъуэ мэхъу Уэсмэн империэм, Британиэшхуэм, Фрэнджым, Къажэрым джоуэ. ТхылъхэмкӀэ Кувейтыр Уэсмэн империэм и ӀэнатӀэм кӀэтт - ӀохумкӀэ хэкур зыӀыгътэр къэралым щыщ хьэрып пщыхэрат.

1756 гъэм шейх Сабах ибн Джабер ас-Сабахым Кувейтым и лъэпкъ-куейу хъуар зэгуигъэхьэри, зы Ӏэмират зэгуэт ишъа. XVIII лъэхъэнэм и кӀэм Кувейтымрэ Британиэшхуэмрэ зэпылъын кӀадзэ. 1793 гъэм Кувейтым фракциэ зэӀуах британым и «Ост Индиэ компаниэ».

Кувейтыр абым къыздынэсым Уэсмэн империэм хэту щытт тхылъхэмкӀэ ауэ къэралыгъэ Ӏоху хъуар езы къэралым шъхьэхуиту зэфӀигъэкӀт.

Британиэшхуэм и ӀэнатӀэр хэкум хэхъуэт куэдуи - 1899 гъэм Кувейтыр Британ империэм и протекторатым хохьэ. 1927 гъэм къэралым и иджырей гъунапкъэхэр зэфӀоувэ.

Куфейтым и фатэгын лъэжьыгъэ мафӀэ зкӀадзауэ сыр

1961 мэкъуауэгъуэм и 19 Кувейтыр къэрал хуит хъуа. Ираку гънэгъумрэ Кувейтымрэ я Ӏохухэр куэдрэ зэӀыхьэуэ щыта, шӀыпӀэзэпэубыдыныгъэхэм теухуауэ, абым шъхьэкӀэ Кувейтым зэман гуэрэм Британиэшхуэмрэ пэмыкӀ хьэрып къэралхэмрэ я дзэхэр дэта.

1990 шышъхьэӀум и 2 иракум и дзэр Кувейтым ихьэхэ, пэщытыныгъэ кӀэкӀым яуж Иракум Кувейтыр аннексиэ зэришъар къиӀохуа. А ихьэгъуэм яужым зауэ къыхэкӀа Къажэр хыжэм зы лъэныкъуэр Иракум иӀыгъу ЛъЗ-мрэ АШЗ-мрэ абым пэщыту, зауэр Иракум пэщытхэм я текӀуэныгъэкӀэ иуха. Кувейтым и хуитыныгъэр къыштэжьа, ауэ къэралыр Ӏэуэ зэхэкъутат зауэ нэужым, и фатэгын лъэжыгъэхэми мафӀэ зэркӀадзам шъхьэкӀэ экономикэм и Ӏохухэр хьэлъэт.

Бэлыхьэ иӀэм емылъытауэ къэралыр псоуэ зэфӀэувэжьа.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Кувейтым и джылэр
Файл:Grand Mosque Of Kuwait.jpg
Эл Кувейтым дэт мэжгыт

Кувейтым и джылэр 2004 гъэмкӀэ зэрыхъутэр 2 257 мин цӀыху. Езы хэкум щыщу джэлэм щыщыр 40% къуэдей. Адрей 60% хэтхэр мигрантхэра - пэмыкӀ хьэрып къэралхэм, Къэжэрым, Пакистаным, Индиэм, Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм щыщ. Джылэм и ныкъуэм хуэдиз - 1, 6 млн. цӀыху, къалэ нэхъышъхьэм дэсхэ - Эл Кувейтымрэ хьэблэ къыбгъэдэтхэмрэ.

къэралым и нэхъышъхьэ дину щытыр мыслъымэныгъэ суннэт егъэджэным щыщу - абым пылъыр джылэм и 85%. ПэмыкӀ дину къэралым - чыристэныгъэ, хиндуигъэ, буддэдин, заратуштрыгъэ пэмыкӀхэр джоуэ.

Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Кувейт и ӀэнатӀэпӀашъхьэ унэр

Кувейтыр конституциэ монарх ӀэнатӀэ зиӀэ къэралу щыт. Иджырей и конституциэр къыщыдагъэкӀар 1962 шъакӀуэгъуэм и 16.

Къэралым и тхьэмаду тетыр Ӏэмир, абым пэмыкӀыу къэралым и дзэзэшыуи щытыр. 1756 гъэм щыкӀэдзауэ къэралым и ӀэнатӀэр зыӀыгъыр лъэпкъ закъуэ - Ас-Сабаххэра

Парламентыр илъэсиплӀкӀэ хах, зы лъэныкъу щыт Лъэпкъ Ассамблеэ, хабзэ дэгъэкӀыр и лэжьыгъу. Ӏэмирым вето пӀалъэ иӀэ парламентым хабзэ къыдигъэкӀыу хъуамкӀэ.

Къэрал-хэхыгъуэм хэтыфхэр еджа хулъхугъэ къэдейхэра, илъэс 21 зи ныбдж фӀэкӀа, Кувейтым 1920 гъэм нэгъунэ дэтӀысхьэхэр иэ илъэс 30 текӀахэр зэр дэсрэ, къэралым хэгъэзыхьэ хъуауэ.

Кувейтыр Къэжэр хыжэм и къэралхэм нэхъ япэрей хэдэ хабзэ дэгъэкӀ ӀэнатӀэ зиӀэр.

Хабзэ гъэзанкӀэ ӀэнатӀу къэралым щытыр Министырхэм я Хасэ, абым и тхьэмаду щытыр конституциэмкӀэ Ас-Сабах лъэпкъым щыщ пщыкъуэра, пщым яужкӀэ ипӀэ иувэнур.

Кувейтым политикэ партиэхэр къэмыдауэ щыт, щыӀу хъуар хэбзэншэху мэлажьэхэ.

Администрациэ гуэшыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Кувейтыр унитарий къэралу щыт, администрациэмкӀэ хэку 6 мэгуэш, ахэри я кӀуэцӀым куейкӀэ гуэшыжху.

Хэкур: Администрацэм и къалэр: И инагъыр, км²:
Кувейт и администрациэ
гуэшыгъуэм и шӀыпӀэтхыпхъэ
Эл Ахмади Эл Ахмади 5 120
Эл Асима Эл Кувейт 200
Эл Фарваниэ Эл Фарваниэ 190
Эл Джахра Эл Джахра 12 130
Хавалли Хавалли куей 84
Мубарак ал Кабир Мубарак ал Кабир 94
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Кувейт и экономикэ

Кувейтым и экономикэр зтетыр фатэгын къыкӀэхынымрэ и экспортымрэ, абым пэмыкӀыу фатэгынхимиэрэ фатэгыным елэжьыгъэнымрэ. ВКӀуП-м и 50% зэрзэфӀэувэр фатэгыным къыхэкӀыурэ, 45% - гъушӀэс лэжьыгъэм. Фатэгын компаниу хъуар лъэпкъэгъу шъахэ, зы къэмыну къэралым ехэ.

Фатэгын къыкӀэхыныр щыкӀадзар 1930 гъэхэм ядежь; абым ипэкӀэ къэралым лэжьыгъу иӀэр былым зэхуэнрэ оазыс-хадэ лэжьыгъэрэ. Фатэхын къыкӀэхынымкӀэ Кувейтыр дунем ещанэреуэ щыт Сауд Хьэрыпеймрэ Къажэрымрэ яуж иту. Илъэс къэс къэралым 100 млн. тоннэ фатэгыну къыкӀах.

Къажэр хыжэ зауэр Ӏэуэ къэуа Кувейтым и экономикэм, ауэ 1992 гъэм зауэпэм зэрщитам хуэдэу зэфӀагъэувэжьа.

2000 гъэм ВКӀуП-р 29,3 млрд. $. хъуа. ЩэхуакӀуэмкӀэ нэхъ къыпылъу щытхэр - АШЗ, Британиэшхуэ, Япон, Сингапур, Нидерлэндхэр, Джэрмэныр джоуэ.

Къэралым и 1% шӀыпӀэм щыщу хадэ елэжьынымкӀэ къэбгъэсэбэп хъууэ иӀэр.

Кувейтым и ахъшэр - кувейт динар 1000 филс хуэдиз хъур.

Танк М-84 кувейтыдзэм Къажэр хыжэ зауэм дей, 1991 гъэ
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Кувейтым и Дзэр

2002 гъэмкӀэ Кувейт и Дзэм хэтым я бжыгъэр 15, 5 мин цӀыху мэхъур + 23, 700 резервым хэту. Къулыкъур армэм илъэситӀкӀэ яхьыр. Дзэхэр зэрзэхэкӀхэр: езы дзэр (щӀым щызауэр), уэгу-зауэдзэ, уэгу-хъумакӀуэдзэ, хыдзэ.

Дзэм и Ӏэшэхэр НАТО-мрэ Урысеймрэ къыдагъэкӀахэра - танк М1А2 «Абрамс», пхырымыудмашинэ M113, БМП-1, БМП-2, кхъухьлъатэ F/A-18С, вертолот SA-342K, ракеткхъухь P-37 BRL пэмыкӀхэр.

2001 гъэм зауэ буджэтыр Кувейтым 8,7% къэралым и ВКӀуП-м хъуа.