БгъэкӀэхь
Appearance
БгъэкӀэхь | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Botaurus stellaris Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
БгъэкӀэ́хь (лат-бз. Botaurus stellaris) — псыхэуэ лъэпкъщ.
И бгъэгу щӀагъыр гъуэжьыфэщ, ӀэпапӀэ гъуабжэхэр хэсу. Къабзий пхъашэхэр гъуэжь-улъиягъэфэщ. Жьэгъур хыжьщ, щхъуэ-фӀыцӀэ ӀэпапӀэхэр хэсу. КӀагуэщ. Хъухэм я дамэ лъэныкъуэм и кӀыхьагъщ см. 34-м нэс, щӀымахуэм къашэч 1 ч.
Урысейм мылъэтэжу зыщыпсэур Къаукъазыращ.
Абгъуэ щащӀ арджэн, бгъэн Ӏувхэм. Абыхэм зэрызыхигъэгъуэщэнум хущӀэкъуу и пщэр хэшауэ зэриӀыгъынум пылъщ. БгъэкӀэхьыр къэлъэгъуейщ махуэкӀэ зигъэпщкӀуу жэщкӀэ зэрыщакӀуэм папщӀэ. Ауэ гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ гуу макъым ещхь къызэригъэӀум папщӀэ здэщыӀэ щӀыпӀэр къэщӀэгъуейкъым.
Ӏусыр: бдзэжьей, хьэндыркъуакъуэ, псышындырхъуо, нэгъуэщӀхэри.
НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Къамылджокъ
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.