Тут мэракӀуэ
Тут мэракӀуэ | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Vieillot, 1816 | ||||||||||||
|
Тут мэракӀуэ (лат-бз.: Morus alba, ур-бз.: Шелковица) — тхьампэпыдз жыгхэм ящыщ, Тут лъэпӀкъхэм.
ЗэрзэфӀэтыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Жыгым иинагъыр м 15-18 носыр, къудамэхэр бгъуэуэ зэгуидзу.
ИпӀкъымрэ икъудамэшхуэхэмрэ псыфэ-гъуабджу фэ ятет.
Тхьампэхэр хуэхъуреуэ, бгъуэуэ щытхэ, я кӀагъ гуэубыдыкӀэм идежь мызэхуэдизу, я гъунэхэр дзасу щыт, я кӀыхьагъыр см. 5-15 носыр.
Щыгъагъэр мэлыжьыхьа – накъыгъэм; мэракӀуэхэр щыхъур накъыгъэ – мэкъуауэгъуэм.
МэракӀуэхэр см 4 хуэдиз мэхъухэ, хуреуэ хуэкӀыхьу; хужьу, плъыжьу иэ къуафӀцӀу. Ягъэгъушъхэри яужкӀэ къагъэсэбэп иэ санэ къыхашъыкӀыр.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тут мэракӀуэр Китаим къуэкӀыпӀэ куейхэм къыкӀа, абдежьм илъэс минипӀлӀым фӀокӀыр Ӏарысу зэрагъэкӀыр, данэ-хьамблухэм я Ӏус хуэду. Китаим икӀри Азиэ Курытым, Афганистаным, Ишъхъэрэ Индиэм, Пакистаным, Ираным ихьа, яужкӀэ Къаукъазым. Еуропэм щихьар XII лъэхъэнэхэм, Америкэм XVI-XVII лъэхъэнэхэм.
Джыпсту тэндеи куэду ягъэкӀыр, Ӏарысэ яшъауэ Индиэм, Афганистаным Ираным джоуэ къыщыкӀэдзауэ Эспаниэмрэ Португалиэмрэ нэгъуэнэ.
Зэргъасэбэпыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тут мэракӀуэм итхампэхэр данэ-хьамблухэм я Ӏус ( шхыным нэхъ къыхахыр ), абы пэмыкӀыу былымымрэ, бджэнхэмра ирагъэшх.
Жыгым ипхъэм пщынэ, шыкъу амэ-псымэхэр къыхашъыкӀыр.