щӏы
Appearance
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
ЩӀы (1)
-
ЩӀы (2)
-
щӀы (3)
-
щӀы (3)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ɕʹǝ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [щӀ] + -ы
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжыгъэ | Куэд бжыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | щӀы | щӀыр | -- | щӀыхэр |
Эргативнэ: | щӀы | щӀым | -- | щӀыхэм |
Послеложнэ: | щӀыкӀэ | щӀымкӀэ | щӀыхэкӀэ | щӀыхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | щӀыуэ | щӀырауэ | щӀыхэу | щӀыхэрауэ |
еигъэ формэхэр | |||||
---|---|---|---|---|---|
сищӀ | уищӀ | ищӀ | дищӀ | фищӀ | ящӀ |
МЫХЬЭНЭ
- Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цӀыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ.
- ЩӀы хъурейм и щхьэ къат и щӀыӀу.
- ЩӀым щыщу къэкӀыгъэхэм я лъабжьэр зыхэт, «зыгъашхэ» япэ къатыр, щӀыгулъ
- Къэрал, хэку
ДАМЫГЪЭ
[зэгъэзэхуэжын]ЩАПХЪЭХЭР
- Дунейм щӀалэгъуалэу тетыр фызэгухьэм, ЩӀым мамырыгъэр тепщэ щыхъунщ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
- Сенрэ Мэзанрэ ныбэгукӀэ щӀым зыхадзэри тӀэкӀурэ щылъащ, хьэкъей гуэрэн лъахъшэм хэлъу. Жаным Борис
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 95 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Псым къыхэкӀ бахъэр уэшхыу щӀым къытошхэ. | Пар, выходящий из воды, дождём падает на землю. | The steam that rises from water falls to the ground as rain. |
Псым щӀыр егъэщӀэращӀэ. | Вода украшает землю. | Water makes the Earth beautiful. |
нап. 96 | ||
Мывэ фӀамыщӀыр щӀым къыщӀах. | Каменный уголь добывается из земли. | Coal is extracted from under the ground. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- ЩӀы фӀыцӀэ
- ЩӀы пшэр
- Нэмыцэр ди щӀым къихьэгъащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- щӏы: 1. Earth (planеt) 2. earth, ground, soil, the top layer of the Earth’s crust 3. land, earth, structural soil 4. country, land, homeland, motherland, fatherland
- ЩӀы фӀыцӀэ: black earth
- ЩӀы пшэр: fertile earth
- Нэмыцэр ди щӀым къихьэгъащ: The Germans invaded our land.
УРЫСЫБЗЭ
- щӏы: 1. Земля (планета) 2. почва, верхний слой земной коры 3. земля, структурная почва 4. страна, родина, отчизна
- ЩӀы фӀыцӀэ: чернозём
- ЩӀы пшэр: плодородная земля
- Нэмыцэр ди щӀым къихьэгъащ: Немцы вторглись в нашу землю.
псалъафэ зэпыщӀахэр
ЩӀы зэдэшх хъун
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: show yourselves equal in strength (in the national form of wrestling) ЩӀалитӀыр зэбэныхукӀэ зэрытемыгъакӀуэу щӀы зэдэшх мэхъу. The two young men, not being able to beat each other at wrestling, showed themselves to be equal in strength. Урысыбзэ: оказаться равными по силе (в национальном виде борьбы). ЩӀалитӀыр зэбэныхукӀэ зэрытемыгъакӀуэу щӀы зэдэшх мэхъу. Два молодых человека, оказавшись неспособными одержать победу друг над другом, показали себя равными по силе. Псалъэ зэпхахэр: ЩӀалитӀыр зэбэныхукӀэ зэрытемыгъакӀуэу щӀы зэдэшх мэхъу. Щапхъэхэр:
ЩӀы фӀыцӀэм ихун
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: be the death (of); worry to death; hound to death Дзэ узым щӀы фӀыцӀэм ирихун. His toothache was torture. Урысыбзэ: сжить со света. Дзэ узым щӀы фӀыцӀэм ирихун. Зубная боль его мучила. Псалъэ зэпхахэр: Дзэ узым щӀы фӀыцӀэм ирихун. Щапхъэхэр:
ЩӀы фӀыцӀэжьым щӀэгъэлъэдэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: be the death (of); worry to death; hound to death Ар губжьащи щӀы фӀыцӀэжьым ущӀигъэлъэдэнщ. He is angry will be the death of you. Урысыбзэ: закопать в землю, сжить со света. Ар губжьащи щӀы фӀыцӀэжьым ущӀигъэлъэдэнщ. Он сердится и сживет вас со света. Псалъэ зэпхахэр: Ар губжьащи щӀы фӀыцӀэжьым ущӀигъэлъэдэнщ. Щапхъэхэр:
ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: disappear without a trace. Урысыбзэ: провалиться сквозь землю. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: — Елдар гъусэ щӀыи зегъэхь. ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьами, къэгъуэт, — жиӀащ [Инал]. КӀыщокъуэ Алим
ЩӀы хъурей
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: the globe Урысыбзэ: земной шар. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀы щхьэфэ хъун!
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: God grant that you may turn to dust! (curse). Урысыбзэ: дай бог, чтоб ты превратился в прах! (проклятие). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀым и гъунэ
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: very far away, at the other end of the earth ЩӀым и гъунэ щыӀэн. be at the other end of the earth. Урысыбзэ: очень далеко; за тридевять земель. ЩӀым и гъунэ щыӀэн. быть за тридевять земель. Псалъэ зэпхахэр: ЩӀым и гъунэ щыӀэн. Щапхъэхэр:
ЩӀым икӀыжын
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: disappear, vanish Урысыбзэ: исчезнуть, пропасть. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀым кӀуэцӀрыхун
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: disappear without a trace. Урысыбзэ: провалиться сквозь землю. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀым нэмыгъэсу зехьэн (лъагъун)
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: to love and cherish someone immensely; to treat someone with love and respect (for example, parents). Урысыбзэ: безмерно любить, лелеять кого-л.; с любовью и уважением относиться к кому-л. (напр. к родителям). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Зым нэхърэ адрейр нэхъ лӀыхъужьу дэлъхуибл иӀэт хъыджэбзым, икӀи я шыпхъу закъуэр абыхэм щӀым намыгъэсу ялъагъурт. Адыгэ таурыхъхэр, сборник
ЩӀым псэ къыхэхьэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: awake with the coming of spring (the soil) ЩӀым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щӀадзэ. As soon as the soil awakes, sowing begins. Урысыбзэ: пробуждаться с наступлением весны (о почве). ЩӀым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щӀадзэ. Как только пробуждается земля, сев начинается. Псалъэ зэпхахэр: ЩӀым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щӀадзэ. Щапхъэхэр:
ЩӀым пхрыхуам нэхъ къэщтэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: prefer sth to sth Фызыр апхуэдизкӀэ укӀытати, щӀым пхрыхуам нэхъ къищтэнт. The woman was so ashamed that she she wanted the earth to swallow her up. Урысыбзэ: предпочесть что-л. чему-л. Фызыр апхуэдизкӀэ укӀытати, щӀым пхрыхуам нэхъ къищтэнт. женщине было настолько стыдно, что она хотела провалиться сквозь землю. Псалъэ зэпхахэр: Фызыр апхуэдизкӀэ укӀытати, щӀым пхрыхуам нэхъ къищтэнт. Щапхъэхэр:
ЩӀым щыщ щӀыжын
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: wipe off the face of the Earth Унэ цӀыкӀур щӀым щыщ ящӀыжащ. The little house was wiped off the face of the Earth. Урысыбзэ: сровнять с землей. Унэ цӀыкӀур щӀым щыщ ящӀыжащ. Домик был сровнен с землёй. Псалъэ зэпхахэр: Унэ цӀыкӀур щӀым щыщ ящӀыжащ. Щапхъэхэр:
ЩӀым щӀэпщхьэным хуэдэу
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: prefer sth to sth ЩӀым щӀэпщхьэным хуэдэу укӀытэн. Be so ashamed that you want to disappear. Урысыбзэ: предпочесть что-л. чему-л. ЩӀым щӀэпщхьэным хуэдэу укӀытэн. Кому-л. настолько стыдно, что хочется ему провалиться сквозь землю. Псалъэ зэпхахэр: ЩӀым щӀэпщхьэным хуэдэу укӀытэн. Щапхъэхэр:
ЩӀым щӀэхуэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: be the death (of); worry to death; hound to death Урысыбзэ: сжить со света. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀыр бжьэкӀэ къэпщын
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: be lazy, idle Урысыбзэ: лениться. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: ЩӀыр бжьэкӀэ къепщри, къыпыщым тоувэ. Адыгэ таурыхъхэр, сборник
ЩӀыр бзэгупэкӀэ егъэбзеин
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: give the creeps, terrify, put in fear of Урысыбзэ: нагнать страху. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀыр гъэпшэрын
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: fertilise the ground ЩӀыр куэншыбкӀэ ягъэпшэр: fertilise the ground Урысыбзэ: удобрять землю. ЩӀыр куэншыбкӀэ ягъэпшэр: удобрять землю Псалъэ зэпхахэр: ЩӀыр куэншыбкӀэ ягъэпшэр. Щапхъэхэр:
ЩӀыр зэгуэхуу я кум дэхуэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: be swallowed up by the ground Урысыбзэ: провалиться сквозь землю. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Иныжьыр абдеж иӀэпхъукӀри щӀыр зэгуэхуу я кум дэхуа фӀэкӀа умыщӀэну бзэхащ. Адыгэ таурыхъхэр, сборник
ЩӀыр зехьэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: take care of the land Урысыбзэ: ухаживать за землёй. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: give the creeps, terrify, put in fear of Урысыбзэ: нагнать страху. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀыр хъеин
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: shake (about the ground) Урысыбзэ: трястись (о земле). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀыр щхьэцыкӀэкӀэ егъэпхъэнкӀын
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: give the creeps, terrify, put in fear of Урысыбзэ: нагнать страху. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀыр ӀэгуфэкӀэ (ӀэгупсэкӀэ) къэгъэзэн
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: lament Урысыбзэ: сокрушаться. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Дарихъан сымаджэ хьэлъэу, уз къыхэлъадэм и кӀуэцӀыкӀыщӀэр ичатхъэу гызу, хуэмышэчыжу щӀыр ӀэгуфэкӀэ игъазэу зепщыпщэу.. [щытащ]. КӀэрашэ Тембот
щӀы гъунэ
[зэгъэзэхуэжын]1.
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: the edge of the earth, the ends of the earth Урысыбзэ: край земли, край света Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: — ЩӀы гъунэм фыкӀуэми, фысӀэщӀэкӀынкъым, — жиӀэрт иныжьым. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
2.
Мыхьэнэ: Зыгуэрым бгъэдэлъ щӀыр щиух. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: border Урысыбзэ: граница Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Вгъэбыдэ фи Ӏуэхур щӀы гъунэм, Вгъашхэ шагъдийхэр. ПащӀэ Бэчмырзэ
щӀы кӀапэ
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: border Урысыбзэ: граница Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Индыр хъаныр тхьэгурымагъуэт, и щӀы кӀапэ къытехьэр занщӀэу къищӀэрт. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
щӀы къат
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: Хэлъ пкъыгъуэхэм елъытауэ, плъыфэкӀи щытыкӀэкӀи щӀыр ӀупщӀэ-ӀупщӀэу зэрызэщхьэщыкӀхэм ящыщ зы. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: layer (of earth) Урысыбзэ: слой, пласт земли Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Лъэпщ и сыджыр щӀы къатибл и кууагъыу хэтӀат. Нартхэр
щӀы къатибл
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: Диным къызэригъэлъагъуэмкӀэ лӀахэм я псэр здэкӀуэж щӀы щӀагъым щыӀэ дуней; ахърэт. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: Hell, inferno, the underworld Урысыбзэ: ад, преисподняя Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: — ЩӀы къатиблым къыщӀэпхами къэгъуэт, — аращ Инал жиӀар. КӀыщокъуэ Алим
ЩӀы къатибл ухъу
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: go to Hell, the Devil take you Урысыбзэ: провались ты в тартарары. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀы къатиблкӀэ щӀэулъадэ
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: go to Hell, the Devil take you Урысыбзэ: провались ты в тартарары. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀы къатиблым ежэхын
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: go to Hell, the Devil take you Урысыбзэ: провались ты в тартарары. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЩӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: go to Hell, the Devil take you Урысыбзэ: провались ты в тартарары. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
щӀы ныкъуэхь
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: Бэджэндэу къащта щӀы Ӏыхьэ, гъавэу къытрахым и ныкъуэр щӀыр зейм ептын хуейуэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: lease of a plot of land with half the crop as payment to the owner Урысыбзэ: наем земельного участка с выплатой половины урожая хозяину Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
щӀы тхьэкӀумэкӀыхь
[зэгъэзэхуэжын]-
щӀы тхьэкӀумэкӀыхь
Мыхьэнэ: Зи кӀэбдз лъакъуитӀыр нэхъ кӀыхь губгъуэ дзыгъуэ лъэпкъ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: jerboa Урысыбзэ: тушканчик Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
щӀы шэуэжа
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: Явэу щытауэ илъэс зыбжанэкӀэ ямывэжа, зытемылэжьыхьыжа щӀы Ӏыхьэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: fallow land ЩӀы шэуэжахэми гъавэ тращӀэу щӀадзэжащ. They have begun seeding the fallow land. Урысыбзэ: залежная земля ЩӀы шэуэжахэми гъавэ тращӀэу щӀадзэжащ. Он начали засеивать залежную землю. Псалъэ зэпхахэр: ЩӀы шэуэжахэми гъавэ тращӀэу щӀадзэжащ. Щапхъэхэр:
щӀы щхьэфэ
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: ЩӀым и щхьэ къат. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: the surface of the Earth Урысыбзэ: поверхность земли Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
щӀы щӀагъ
[зэгъэзэхуэжын]Мыхьэнэ: ЩӀым и щӀагъ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр: Инджылыбзэ: subterranean world Урысыбзэ: подземелье Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ɕʹǝ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [щӀ] + -ы
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжыгъэ | Куэд бжыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | щӀы | щӀыр | -- | щӀыхэр |
Эргативнэ: | щӀы | щӀым | -- | щӀыхэм |
Послеложнэ: | щӀыкӀэ | щӀымкӀэ | щӀыхэкӀэ | щӀыхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | щӀыуэ | щӀырауэ | щӀыхэу | щӀыхэрауэ |
еигъэ формэхэр | |||||
---|---|---|---|---|---|
сищӀ | уищӀ | ищӀ | дищӀ | фищӀ | ящӀ |
МЫХЬЭНЭ
- Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ яку дэлъ щӀыӀэгъуэ зэман; щӀымахуэ.
ЩАПХЪЭХЭР
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Гъэрэ щӀырэ зэхэкӀа нэужьщ жылэр щӀым щыхалъхьэр.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- щӏы: winter
- Гъэрэ щӀырэ зэхэкӀа нэужьщ жылэр щӀым щыхалъхьэр: when summer replaces wintertime, sowing begins.
УРЫСЫБЗЭ
- щӏы: зима
- Гъэрэ щӀырэ зэхэкӀа нэужьщ жылэр щӀым щыхалъхьэр: когда зимняя пора заменяется летней, начинается сев.
БИБЛИОГРАФИЕ